作词 : Артур Кунижев 作曲 : Артур Кунижев Макъамэ дахэр гущlэм къоlукl, Схуэмыжыlэщlэу гур хощэтыкl. Пшынэм и макъым ину зешэщl, Ихъуреягъкlэ зыкъызешэкl. Утыку сырешэ, лъэр схуэмыубыд, Къакlуэ къыздэфэ, Си тхьэlухуд. Уи нэкъуэлэнхэм нурыр къыщlех, Уэ дахэу щыlэм уакъыхызох. Пщащэ цlыкlу сызэlущащэ Уи нэ цlыкlуитlыр сыту дэхащэ Дахэу щыlэм уэ уахызоху Псэм укъилъыхъуэу сэ си дуней. Пщащэ цlыкlу сызэlущащэ Уи нэ цlыкlуитlыр сыту дэхащэ Дахэу щыlэм уэ уахызоху Псэм укъилъыхъуэу сэ си дуней. Пщащэ цlыкlу сызэlущащэ Уи нэ цlыкlуитlыр сыту дэхащэ Дахэу щыlэм уэ уахызоху Псэм укъилъыхъуэу сэ си дуней. Пщащэ цlыкlу сызэlущащэ Уи нэ цlыкlуитlыр сыту дэхащэ Дахэу щыlэм уэ уахызоху Псэм укъилъыхъуэу сэ си дуней. Набдзэ къурашэурэ си дахэкlей Си тхьэlухуду си гъащlэр зей Мы сигуи си пси богъэпейтей Фlы лъагъуныгъэр сэ ныпхузощl Си пщащэ дахэу си Дуней нэху Уи нэдэхитlыр сигум имыху Сэ си пщlыхьэпlэм уэ ухэмыкl Жэщи махуи сыногупсыс Пщащэ цlыкlу сызэlущащэ Уи нэ цlыкlуитlыр сыту дэхащэ Дахэу щыlэм уэ уахызоху Псэм укъилъыхъуэу сэ си дуней. Пщащэ цlыкlу сызэlущащэ Уи нэ цlыкlуитlыр сыту дэхащэ Дахэу щыlэм уэ уахызоху Псэм укъилъыхъуэу сэ си дуней. Уи теплъэ гуакlуэм си нэр тенащ, Темыпыlэжу псэр къэбгъэнащ. Утыкум дахэу ущоджэрэз Си лъагъуныгъэм имыlэ нэз. Уей жи маржэ, си дахэкlей, Уи нэ цlыкlуитlымкlэ къысхудэплъей. Гупсысэ lэфlыми уэ сыхэпшащ, Гурыщlэ къабзэр къыбдэушащ. Пщащэ цlыкlу сызэlущащэ Уи нэ цlыкlуитlыр сыту дэхащэ Дахэу щыlэм уэ уахызоху Псэм укъилъыхъуэу сэ си дуней. Пщащэ цlыкlу сызэlущащэ Уи нэ цlыкlуитlыр сыту дэхащэ Дахэу щыlэм уэ уахызоху Псэм укъилъыхъуэу сэ си дуней.